Зэманыр

Зэманыр
Зэманыр мак1уэ ук1ыщ1эмыхьэу.
Ди гъащ1э гъуэгухэри зыблок1.
Нэгъуэщ1 ц1ыхуи сигу хуэмык1уэу,
Щ1алэгъуэ дахэр щэху йок1.

Гум акъылыр иныбжьэгъукъым:
Зэгуры1уэну сэ слъэмык1!
Ди уэрамым си ныбжьэгъухэм
Сыхуэзэну сахудэмык1. 

Щхьэжагъуэ уещ1ыр гухэлъ дахэм,
Дунейм зыри томылъагъуэу.
Сытету сф1ощ щыхуп1э лъагэм,
Абы сехуэхми мышынагъуэу.

Сыт и1эзэгъуэ си узыгъэм? 
Щ1ымахуэ щ1ы1эм маф1эм сес! 
Ц1ыху лей сищ1ащ сэ лъагъуныгъэм! 
Закъуэныгъэр сэ къыстесщ.

Зэманым псори игъэхъужу
Къывжезы1ам - пц1ы иупсащ! 
Сэ си гур, си псэр нэхъ1еижу,
Зэманым к1уэхук1э иу1ащ...
+1
47
Нет комментариев. Ваш будет первым!